Материал нэхъыщхьэм ихьэн

ЩІАЛЭГЪУАЛЭМ Я УПЩІЭХЭР

Алыхьым дыщІелъэІун хуейр сыт?

Алыхьым дыщІелъэІун хуейр сыт?

Зы опрос гуэрым къызэригъэлъэгъуамкІэ, Америкэм щыпсэу цІыху балигъхэм щыщу процент 80-м Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуагъазэ. Ауэ абыхэм щыщу зэхуэдитІыращ махуэ къэс Тхьэ елъэІур. Тхьэ елъэІухэм щыщу языныкъуэхэм мыпхуэдэ упщІэ яІэу къыщІэкІынущ: «ТхьэлъэІукІэ цІыхур, пэж дыдэу, Алыхьым епсалъэрэ хьэмэрэ ауэ сытми абы гупсэхугъуэ зритыжу ара?».

 ТхьэлъэІур сыт зищІысыр?

ТхьэлъэІум цІыхум Іэмал ирет, пэж дыдэу, Алыхьым епсэлъэну. Егупсыс къудей абы пылъ пщІэшхуэм! КъарукІи тепщэныгъэкІи Иеговэ хуэдэ зыри щыІэкъым, ауэ, абы емылъытауэ, ар «дэ тщыщ дэтхэнэми пэжыжьэкъым» (Апостолхэм 17:27). Абы нэмыщІ Библием дыхуегъэуш: «Тхьэм гъунэгъу зыхуэфщІи, езыми гъунэгъу зыкъыфхуищІынущ» (Екъуб 4:8).

Дауэ Алыхьым гъунэгъу узэрыхуэхъуфынур?

  • Япэрауэ, Алыхьым тхьэлъэІукІэ зыхуэгъазэ — апхуэдэу уэ абы уопсалъэ.

  • ЕтІуанэрауэ, Библиер джы — апхуэдэу уэ ар «къопсалъэ».

Мы чэнджэщитІыр уэ къыбдэІэпыкъунущ Алыхьым ныбжьэгъу ухуэхъуну.

«Псори къэзыгъэщІа Алыхь Иеговэ депсэлъэну Іэмал дызэриІэр зыми хуэмыдэ пщІэшхуэщ» (Джереми).

«Сызыгъэгузавэ псори Иеговэ щыхуэсІуатэм деж, абы гъунэгъу сызэрыхуэхъур зыхызощІэ» (Миранда).

 Алыхьыр тхьэлъэІухэм едаІуэу пІэрэ?

Алыхьыр уи фІэщ хъуми, абы тхьэлъэІукІэ зыхуэбгъазэми, зэми гугъущ абы узэрызэхихыр уи фІэщ пщІыну. Ауэ Библием Иеговэ теухуауэ жеІэ: «Уэращ тхьэлъэІухэм едаІуэр» (Псалом 65:2). Абы нэмыщІ Тхыгъэ ЛъапІэм дыхуегъэуш: «Фи гуныкъуэгъуэ псори Тхьэм ефхьэлІэ». Сыт щхьэкІэ? «Абы и нэІэ къыфтригъэтщи» (1 Петр 5:7).

Мыбы егупсыс. Уи ныбжьэгъухэм уепсэлъэн щхьэкІэ уэ зэман къыдыбогъэкІ, пэжкъэ? Абы ещхьыуи, Алыхьым уепсалъэ хъунущ: махуэ къэс абы тхьэлъэІукІэ зыхуэгъазэ икІи абы ущепсалъэкІэ и цІэ Иеговэр къэгъэсэбэп (Псалом 86:5—7; 88:9). Пэжыр жыпІэмэ, Алыхьым зэпымыууэ делъэІуну Библием дыхуегъэуш (1 Фессалоникэ 5:17).

«Уафэм щыІэ си Адэм тхьэлъэІукІэ зыхуэзгъазэу сыщепсалъэм деж, си гум илъ псори хузоІуатэ» (Мойзе́с).

«Иеговэ сыщепсалъэм деж, зыри къэзмыгъанэу псори жызоІэж, си анэм е си ныбжьэгъу пэжым сызэрепсалъэм хуэдэу» (Карен).

 Си тхьэлъэІухэм сыт хэзгъэхьэ хъунур?

Библием итщ: «Сыт ищІыс Іуэхуми щхьэкІэ Тхьэм фелъэІуурэ, щІыхь хуэфщІурэ, фи дэІэпыкъуэгъу хъуну фелъэІуурэ, фызыхуэныкъуэр евгъащІэ» (Филиппи 4:6).

Уи гугъуехьхэм теухуауэ Алыхьым жепІэ хъуну? ДауикІ, хъунущ! Библием щыжыІащ: «Уи хьэлъэр Иеговэ ІэщІэлъхьи, уэ ар къыбдэІэпыкъунущ» (Псалом 55:22).

ДауикІ, Алыхьым ущепсалъэм деж, уи гугъуехьхэм нэмыщІ нэгъуэщІ зыми и гугъу умыщІыныр тэмэмкъым. «Иеговэ ущепсалъэм деж, зыгуэр щхьэкІэ зэпымыууэ уелъэІуу нэгъуэщІ зыри жомыІэмэ, ар ныбжьэгъугъэ нэсым ещхькъым,— жеІэ Шантель зи цІэ цІыхубзым.— Сэ сызэреплъымкІэ, япэщІыкІэ дэ Алыхьым фІыщІэ хуэтщІын хуейщ, икІи абы фІыщІэ щІыхуэсщІын щхьэусыгъуэ куэд сэ сиІэщ».

Мыбы егупсыс. Алыхьым фІыщІэ щІыхуэпщІын сыт хуэдэ щхьэусыгъуэ уэ уиІэр? Нобэ Иеговэ фІыщІэ щІыхуэпщІын щхьэусыгъуищ къэпхьыфыну?

«Иеговэ фІыщІэ хуэпщІын щхьэкІэ щхьэусыгъуэшхуэ къомылъыхъуэми хъунущ. Псалъэм папщІэ, удз гъэгъа дахэ къэслъэгъуамэ, абы щхьэкІэ Алыхьым фІыщІэ хуэсщІ хъунущ» (Анита).

«Алыхьым и ІэдакъэщІэкІым щыщ гуэрым е Библием ит едзыгъуэ гуэрым уи гур хигъахъуэмэ, абы щхьэкІэ Иеговэ фІыщІэ хуэщІ» (Брайан).