Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Адэ-анэхэмрэ сабийхэмрэ зэрызэдэуэршэрым лъэмыжым хуэдэу ахэр зэпещІэ

АДЭ-АНЭХЭМ ПАПЩІЭ

5 Узэдэуэршэрыныр

5 Узэдэуэршэрыныр

СЫТ АБЫ КЪИКІЫР?

Адэ-анэхэмрэ сабийхэмрэ щызэдэуэршэрым деж, псори я гурыщІэхэмкІэрэ я гупсысэхэмкІэрэ хуиту зэдэгуэшэфу щытын хуейщ.

АБЫ МЫХЬЭНЭ ЩІИІЭР

Адэ-анэхэм я дежкІэ псом хуэмыдэу гугъущ я бын ныбжьыщІэхэм дэуэршэрыну. Сабийр щыцІыкІум деж, нэхъ тыншу узрегъэпсалъэ. Зы тхылъ гуэрым щыжыІащ: «Япэм уэ хуитыныгъэ уиІэт сценэ щІыбагъми ущІыхьэну, ауэ иджыпсту уэ залым щІэсхэм уахэсу аращ икІи уи тІысыпІэри нэхъыфІ дыдэхэм ящыщкъым» (Breaking the Code). ГъэщІэгъуэныращи, ныбжьыщІэхэр псом хуэмыдэу хуэныкъуэщ фадэуэршэрыным!

СЫТ ПЩІЭ ХЪУНУР?

Сабийм къыбжиІэм уедэІуэну хьэзыру сыт щыгъуи щыт. Абы щхьэкІэ зэзэмызэ жейм зыхуэбгъэныкъуэн хуей хъунущ.

«Мыпхуэдэу сыщегупсыс къохъу: „Къэбгъуэтаи дыщызэбгъэпсэлъэн зэман?! Иджыри къэс дэнэ уздэщыІар? Махуэ псом дызэгъусакъэ?!“ Ауэ сабийм и гум илъыр къыпхуиІуэтэну хуеймэ, аракъэ дэтхэнэ зы адэ-анэри зыщІэхъуэпсыр? Абы щхьэкІэ укъэгубжь хъурэ?» (Лиза).

«Сэ жьыуэ сыгъуэлъыжмэ нэхъ къызощтэ, ауэ мызэ-мытІэу къэхъуащ си сабийхэмрэ сэрэ ди гум илъыр зэжетІэурэ жэщ ныкъуэм щыфІихуа» (Герберт).

БИБЛИЕМ ИТ ПРИНЦИПЫР: «Езым и фІагъ зыхэлъым и ужь иремыт хэти, атІэ нэгъуэщІ цІыхухэм я фІагъ зыхэлъым и ужь ирырет» (1 Коринф 10:24).

Зыри зэран зыхуумыгъэхъу. Зы адэ гуэрым жеІэ: «Си сабийхэм сыщепсалъэм деж, нэгъуэщІ зыгуэрым сыщегупсыс къохъу. Ауэ сабийхэр къыпхуэгъэпцІэнукъым, абыхэм псори ялъагъу!»

Уи сабийм ущепсалъэм деж, зыри зэран зыхуумыгъэхъу: телевизорыр гъэункІыфІ, телефонри Іух. Уи быным къыбжиІэм фІыуэ едаІуэ икІи абы и лъэІум мыхьэнэшхуэ имыІэу къыпщыхъуми, гулъытэ хуэщІ.

«Сабийм и дежкІэ наІуэу щытын хуейщ абы и гурыщІэхэм дэ мыхьэнэшхуэ зэреттыр. Армырамэ, ар и гурыщІэхэмкІэ къыддэгуэшэнукъым е дэІэпыкъуэгъу щхьэкІэ нэгъуэщІ зыгуэрым зыхуигъэзэнущ» (Маранда).

«Уи быным делагъэ гуэр жиІэу къыпщыхъуми, зышыІэныгъэ зыхэгъэлъ» (Энтони).

БИБЛИЕМ ИТ ПРИНЦИПЫР: «ФызэрыдаІуэ щІыкІэм фыкІэлъыплъыж» (Лука 8:18).

Сабийм ущепсэлъэну зэманымрэ щІыпІэмрэ къыхэх. Сабийр уи пащхьэм ибгъэтІысхьэрэ упщІэхэр епту щІэбдзэмэ, абы и гум илъыр къыпхуиІуэтэну къыщІэкІынукъым.

«Дэ машинэм дису дызопсалъэ. Зыр зым и гупэ щисым деж нэхърэ, ущызэбгъурысым деж узэпсэлъылІэну нэхъ тыншщ» (Николь).

Іэнэм фызэбгъэдэсу фызэрызэпсалъэми Іэмал къыует сабийм и гум илъыр къэпщІэну.

«Дэ хабзэфІ къэдублащ. Пщыхьэщхьэшхэ зэгъусэу щытщІым деж, махуэм къриубыдэу фІыуи Іейуи къэхъуамкІэ дызэдогуашэ. Абы нэхъ зэкъуэт дещІ икІи дэІэпыкъуэгъу дызэриІэр дигу къегъэкІыж» (Робин).

БИБЛИЕМ ИТ ПРИНЦИПЫР: «ДэІуэнкІэ хэти щІэхыу ирехьэзыр, ауэ щІэх иремыпсалъэ» (Екъуб 1:19).