Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

Жьы хъуа хьэмэрэ и зэманым япэ ища?

Жьы хъуа хьэмэрэ и зэманым япэ ища?

НАУКЭР

БИБЛИЕР — НАУКЭМ ТЕУХУА ТХЫЛЪКЪЫМ, АУЭ АР ЩАТХА ЗЭМАНЫМ ЦІЫХУХЭМ ИДЖЫРИ ЯМЫЩІЭУ ЩЫТАР АБЫ ЩЫЖЫІАТ. МИС ЯЗЫНЫКЪУЭ ЩАПХЪЭХЭР:

Дунейм щІэдзапІэ иІауэ пІэрэ?

ПщІэ зыхуащІ щІэныгъэлІхэм япэм «хьэуэ» жаІэу щытами, нобэ абыхэм я нэхъыбэм Дунейм щІэдзапІэ зэриІар я фІэщ мэхъу. Ауэ Библием ар куэд щІауэ щыжыІат (ЩІэдзапІэ 1:1).

ЩІыр сыт хуэдэ?

Пасэрей зэманым ЩІыр хъурейуэ ябжтэкъым. Ди эрэм ипэ етхуанэ лІэщІыгъуэм алыдж щІэныгъэлІхэм ЩІыр зэрыхъурейр я фІэщ хъууэ щІадзащ. Ауэ абы илъэс куэд ипэ къихуэу, ди эрэм ипэ еянэ лІэщІыгъуэм, Библиер зытхахэм щыщ бегъымбар Ешайа (Исаия) ЩІым теухуауэ щитхым къигъэсэбэпа журт псалъэм «хъурей» жиІэу къокІ (Исаия 40:22).

Уафэм щыІэхэр къутэжрэ?

Ди эрэм ипэ еплІанэ лІэщІыгъуэм псэуа алыдж щІэныгъэлІ Аристотель щІым щыІэхэр къутэж щхьэкІэ, уафэм щыІэхэр мыкъутэжу жиІэу щытащ. ЛІэщІыгъуэ куэдкІэ апхуэдэ еплъыкІэщ цІыхухэм яІар. Ауэ ди эрэм епщыкІубгъуанэ лІэщІыгъуэм щІым щыІэхэр зэман дэкІмэ зэрыкъутэжым хуэдэу, уафэм щыІэхэри зэрыкъутэжыфынур щІэныгъэлІхэм къахутащ. Апхуэдэ еплъыкІэр зыгъэкІуатэу щыта Англием щыщ щІэныгъэлІ Кельвин уафэмрэ щІылъэмрэ теухуауэ Библием итым гу лъитащ: «Бостейм хуэдэу ахэр лэжьэнущ» (Псалом 102:25, 26). Кельвин и фІэщ хъут, Библием зэрыжиІэм хуэдэу, Алыхьым и ІэдакъэщІэкІхэр мыкъутэжу къызэрызэтринэфынур (Экклезиаст 1:4).

Планетэхэр я пІэхэм изыІыгъэр сыт?

ЩІымрэ нэгъуэщІ планетэхэмрэ зыгуэрым фІэдзауэ Аристотель и гугъэт. ЕпщыкІуиянэ лІэщІыгъуэм ирихьэлІэу щІэныгъэлІхэм къагурыІуэу щІадзащ вагъуэхэмрэ планетэхэмрэ зыми зэримыІыгъыр. Ауэ ди эрэм ипэ епщыкІутхуанэ лІэщІыгъуэм Библием ит Иов тхылъым щыжыІат ЩІыр зыми фІэдзауэ зэрыщымытыр (Иов 26:7).

МЕДИЦИНЭ

БИБЛИЕР — МЕДИЦИНЭМ ТЕУХУА ТХЫЛЪКЪЫМ, АУЭ АБЫ ИТ ПРИНЦИПХЭР НОБЭ МЕДИЦИНЭМ КЪИХУТАХЭМ ТОХУЭ.

Уз зэрыцІалэ къызэузхэр щхьэхуэ щІын

Алыхьым бегъымбар Мусэ иригъэтха Хабзэм тету, уэшын уз зэфыкІхэр узыншэхэм яхэмыхьэу щхьэхуэу псэун хуейт. Абы лъандэрэ лІэщІыгъуэ куэд дэкІауэщ дохутырхэми апхуэдэу ящІэу щыщІадзар (Левит, 13-нэ, 14-нэ псалъащхьэхэр).

Хьэдэм еІусам зигъэпскІыжын хуейт

Иджыри епщыкІубгъуанэ лІэщІыгъуэм икІэм щыгъуэ, дохутырыр хьэдэм елэжьа иужь, и Іэр имытхьэщІыжу, занщІэу операционнэм кІуэфынут. Апхуэдэу абы цІыху узыншэхэр ицІалэти, куэдыр абы илІыкІт. Алыхьым и Хабзэм куэд щІауэ щыжыІат, хьэдэм еІусар къабзэу зэрыщымытыжыр. Къабзэ хъужын щхьэкІэ, а цІыхум зигъэпскІыжын хуейт. Апхуэдэ хабзэхэм зэрытетым, дауикІ, цІыхухэр узхэм щихъумэт (Числа 19:11, 19).

ЦІыхум и фІейр щІэтІэн

Илъэс къэс сабийхэр мелуан бжыгъэкІэ диареям йолІыкІ. ЦІыхум фІей къыдэхыр тэмэму зэрыІуамыхыжыращ абы щхьэусыгъуэ хуэхъур. Алыхьым Мусэ ирита Хабзэм гурыІуэгъуэу щыжыІат, цІыхур щІыб икІа иужь, и фІейр цІыхухэр щыпсэу щІыпІэм пэжыжьэу зэрыщІитІэжын хуейр (Второзаконие 23:13).

Сунэтыр

Алыхьым и Хабзэм тету, щІалэ цІыкІур махуий щыхъум деж и лыфэ кІапэр хупаупщІын хуейт (Левит 12:3). Сабийр къызэралъхурэ тхьэмахуэ дэкІа иужьщ и лъым тэмэму пцІэн щыщІидзэр. Еянэ махуэм ипэ къихуэу сабий цІынэхэр сунэт зэрамыщІым Іущагъ хэлът, сыт щхьэкІэ жыпІэмэ а зэманым медицинэм зиужьатэкъым.

ГурыщІэхэмрэ узыншагъэмрэ зэпыщІащ

Ди зэманым медицинэм къызэрихутамкІэ, цІыхум гуфІэгъуэр, гугъэр, фІыщІэр и гум илъмэ икІи нэгъуэщІхэм хуигъэгъуну хьэзырмэ, нэхъ псынщІэу узыншэ мэхъуж. Библием щыжыІащ: «Гухэхъуэр Іэпкълъэпкъым и хущхъуэгъуэщ, гухэщІ-гукъеуэм хэт зэпытым и къупщхьэр мэщыр щІэх» (Притчи 17:22, Гъэсэпэтхыдэхэр).