Материал нэхъыщхьэм ихьэн

Псалъащхьэм ихьэн

149 УЭРЭДЫР

ТекІуэныгъэм и уэрэд

ТекІуэныгъэм и уэрэд

(Исход 15:1)

  1. 1. ЖыфІэ уэрэдыр. Иеговэ фэ и цІэр вгъэлъапІэ.

    Хы Плъыжьым и толъкъунхэм бий бзаджэр щІахъумащ.

    ЛъапІэу ди Адэ, къарукІэ уэ зыри пхуэдэнкъым.

    Уэ текІуэныгъэр къэпхьри, уи лъэпкъыр къебгъэлащ.

    ЕЖЬУ

    Иеговэ, псори уэ пхузэфІокІ.

    Уэ зэи зыпхъуэжкъым, дзыхь зыхуэтщІыр уэрщ.

    Армагеддоным бийхэр бгъэкІуэдынщ

    ЦІэ лъапІэри бгъэкъэбзэжынщ.

  2. 2. Бзаджэ пащтыхьхэр ныкъуакъуэу пэщІэтщ Иеговэ.

    Къару яхэлъу ябжми, я напэр трихынщ.

    Губжь махуэр къэсмэ, хьэкум бийхэм ятрищІыхьынущ.

    Куэд мыщІэу лъэщыр хэтми абыхэм ялъэгъунщ.

    ЕЖЬУ

    Иеговэ, псори уэ пхузэфІокІ.

    Уэ зэи зыпхъуэжкъым, дзыхь зыхуэтщІыр уэрщ.

    Армагеддоным бийхэр бгъэкІуэдынщ

    ЦІэ лъапІэри бгъэкъэбзэжынщ.

(Абы нэмыщІ феплъ Пс. 2:2, 9; 92:8; Мал. 3:6; Апок. 16:16.)